Си лъахэ.

 

1уащхьэмахуэ жьэк1эху хъужу

Кавказ къуршым къыщхьэщытщ

И дахагъэм уемыплъыфу

Жьыр къыппеубыд.

Дунейм теткъым зы щ1ыналъи

Къэбэрдейм къыпэувын!

И дахагък1и и къабзагък1и

Абы къытек1уэн.

Жьыр щыкъабзэщ, псыр щыхъущхъуэщ

Ар бгы лъапэхэм къыщ1ож.

Езыр мэзым щ1игъэнащи

Жыг абрагъуэхэр къыщок1.

Удз гъэгъау абы къыщык1ым

Щ1эи гъуни имы1эж.

Сэ усак1уэу сыщытамэ

Уэрэд 1эджи пхуэзусынт

Сыщалъхуа сэ си щ1ыналъэр

Семызэшуи згъэбжьыф1энт.

 

 

 

Си адэ.

 

Щ1алэ дахэу, псыгъуэ к1ыхьу

Дэ ди адэр щытыгъащ.

Хъыджэбз дахэу къуажэм дэсым

Я хъуэпсап1эу къек1уэк1ащ.

 

Уэрэдыжьхэр дахэу жи1эт

Гушы1эшхуи абы хэлът.

1уэры1уэдзу абы ищ1эм

Щ1эи гъуни имыгъуэтт.

 

Дэ ди адэм пщ1эшхуэ хуэтщ1ыу

Анэм псори дигъэсащ.

Гъащ1э зи1эм – уэхъты и1эщ,

Адэр нобэ димы1эж.

 

Пщ1эи намыси къыттенэнкъым

Здэк1уам тхьэм ар щигъэтынш.

Дунеягъэм къэмыхъуапсэу

Ахърэт нэхуи тхьэм кърит.

 

Бын къилъхуахэр и щхьэм телъу

Гъащ1эм ар къыщыпсэуащ.

Къилъхуа псори и лъапсэжьым

Дэ дыкъэк1уэжащ.

Тхузэф1эк1ыри хуэтщ1эну

дызэхуэсыжащ.

 

Папэ ф1ыуэ удолъагъур

Ди гум зэи уэ уимыхун.

Хьэдырыхэ хабзэ дахи

Тхьэм къуитыну делъэ1унщ

 

 

Си анэ.

 

Дэ ди анэр гугъу ехьами,

Гъащ1эм гугъуу къэпсэуами

Гушхуэ и1эу къыщ1эк1ащ.

Зэман гугъум къэмылынджу

Акъыл дахэ ябгъэдэлъу

Бынибл хип1ык1ащ.

Ину ф1ыщ1э дэ пхудощ1ыр!

Жьыщхьэмахуи уэ утщ1ыну,

Блыри дэ деувэл1ащ.

Умыдзыхэ анэ дыщэ

Псоми ф1ыуэ удолъагъу

Уи щ1алэгъуэм гугъу уехьами

Жьыщхьэмахуэ утщ1ыжынщ.

Уи ныбжьэгъухэм уемыхъуапсэу

Къэна гъащ1эр епхьэк1ынщ.

Бын гуф1эгъуэм ухэмык1ыу

Дэ удгъэпсэунщ…

Адэ-анэм пщ1э яхуэтщ1ыу,

Хабзэ тхэлъу, намыс тхэлъу,

Зы мыхъумыщ1и къытхэмык1ыу

Блыри дыщэу дуп1ыфащ.

Упсэухук1э ди анэ дыщэ

Жьыр къыщепщэр умыщ1эн.

Лъагъуныгъэу дэ пхуди1эр

Зэи мыужьыхын.

 

 

Си Фаина.

 

Нэ къуэлэн ц1ык1ур лыдыжу

1упэ баринэр зэтемыхьэжым

И гур бзэрабзэу 1ущащэм

Ар си Фаинэщ.

 

Анэгу анэпсэу гумахэ ц1ык1ум

Ину упсалъэм гум щ1ыхьэм

1эпэ гъур ц1ык1ухэр и1уэтым

Ар си Фаинэщ.

 

Мамэ нэщхъейуэ и гум темыхуэм

Ф1ы лъагъуныгъэр бгъэгум имыхуэм

Псэ хьэлэлагъэм гъунэ имы1эм

Ар си Фаинэщ.

 

 

Анэкъилъхухэр.

 

Анэкъилъхук1э сыкъулейщи

Сэ нэхъ мылъкуи сыхуэмей.

Тхьэ1ухуду си дэлъхуипл1ыр

Куэдрэ тхьэм сэ схуигъэпсэу.

Къалъхужахэр нэхъ 1эф1ыжщи

Ахэр сэ фэзгъэц1ыхунщ –

Азэмэтрэ Темболэтрэ

Ди нэхъыжьу Толэ ейщ.

Щхьэбэринэу Альбэч ц1ык1уи

Къык1элъык1уэ Алик ейщ.

Астемыррэ Къантемыррэ

Ромэ тхьэм яхуигъэпсэу.

Ахьмэдрэ Къэплъэн ц1ык1урэ

Ди нэхъыщ1эм, Аслъэн ейщ.

Щ1алэ псыгъуэрэ дахащэу

Мухьэмэди ди1эщ дэ,

Ар унэц1эк1э нэгъуэщ1ми,

Шыпхъу нэхъыжьым, Женэ ейщ.

Я гуф1эгъуэм дыхэмык1ыу

Щ1алэ ц1ык1ухэр тхьэм къигъэхъу,

Насыпыф1э ахэр хъуауэ

Дэ тлъагъуну дыщ1охъуэпс.

Иджы къок1уэхэр хъыджэбзхэр –

Лъагъуэ дахэ хеш Аринэ,

Ислъам ц1ык1уи абы тхуеп1.

Къык1элъык1уэр ди Маринэщ,

Къамылыфэу хъыджэбз ек1ущ.

Бзэ 1эф1 и1эщ ди Радимэ,

Нэжэгужэщ Лиля ц1ык1у,

Дакъэк1уатэмэ ди Бэлэ

Гушы1эшхуэ зыхэлъ ц1ыхущ.

Ди Марьянэ сырыху ц1ык1ущи

И дахагъым нэр щ1есык1.

Щхьэцыгъуэшхуэр щ1ак1уэм хуэдэу

Тхьэ1ухудщ ди Иннэ ц1ык1у.

Къык1элъык1уэр си Фаинэщ,

Щихум хуэдэу зэк1уж ц1ык1ущ.

Зэшыпхъуищым ди нэхъыщ1эр

Дыригушхуэу Асиятщ –

И п1эщхьагък1и и мурадк1и

Насыпыф1э тхьэм ар тхуищ1.

Щ1эблэ къабзэхэщ согушхуэ.

Тхьэшхуэм сэ шыкур хузощ1.

 

 

Асият.

 

Тхьэ1ухуду пщащэ дахэщ

Намысыф1эщ Асият.

И дахагъым нур щхьэщехыр

И щабагъым гур дехьэхыр

И къабзагъэм нэр ехулыр

Нэф1эгуф1эщ Асият.

Асият си шыпхъу нэхъыщ1эщ

Срогушхуэ анэкъилъхум

Емыпц1ыжу къызбгъэдэтщ.

И нэшхуит1ыр игъэджэгуу

Гушы1эшхуи абы хэлъщ.

Асият сэ симы1амэ

Си сабийр схуэмып1ыжынт

Емызэш, къыздо1эпкъур

Сытк1и сэ сищ1эгъэкъуэнщ

Асият хузощ1ыр ф1ыщ1э

Анэкъилъхук1э сехъул1ат.

Сэ алыхьым сыхуолъэ1ур,

Гу тыншыгъуэу къызбгъэдилъхьэр,

Тхьэм и пащхьэ ирилъхьэж.

Си сабийм къыхуищ1 намысыр

Тхьэм хузигъэщ1эж.

 

 

Лъагъуныгъэмрэ анэкъилъхухэмрэ

 

Нобэ сэ си лъагъуныгъэм

Ныкъусэныгъэ игъуэтащ.

Нэпсыр ф1ыуэ сэ щ1эзгъэк1ри

Къалымыпэр сэ къэсщтащ

Анэкъилъхухэм сахуэтхэну

Сэ сет1ысыл1ащ.

Зэрызыхэу си нэгу щ1эк1ри

Си гур къэплъэжащ.

Анэкъилъхум хуэдэу 1эф1ыу

Мы дунейм зы ц1ыху темыт

Ахэр слъагъум гур мэпсэхур

Гъащ1эр нэху мэхъуж.

 

 

Фаина.

 

Тхьэ1ухуду хъыджэбз дахэщ

Мамэ жи1эр т1у имыщ1.

Нэкъуэлэну бзэ 1эф1 ц1ык1ущи

Щихум хуэдэу зэк1уж ц1ык1ущ.

И щхьэцыгъуэр к1ыхьу тетщи,

1эпэ ц1ык1ухэр псыгъуэ к1ыхьщ.

Ланэм хуэдэу 1эпкълъэпкъ жанщи

Гук1и ар гурыхуэ ц1ык1ущ.

Жэщи махуи гуащэ ц1ык1ухэм

Щыгъын дахэхэр яхуед.

Дэрбзэрыным дихьэхамэ

Жэщым жьыуэ пхуэмыгъуэлъ.

Гуащэу и1эр пл1ыщ1ым носри

Ахэр псори и пхъу ц1ык1ущ.

Зым йошхыдэ, зым йоубзэ,

Игъэсэну яужь итщ.

Зым и щхьэцыр хупеупщ1ыр,

Адрейм хуеухуэныж.

Ф1ей зырыхъууи егъэпск1ыр,

Я щыгъынхэр яхуежьыщ1.

Заутэжмэ йошхыдэ

Къабзэлъабзауэ егъасэ.

Ин къэхъуахэр ирегъашэ

Гуащэ щауи ахэм хэтщ.

Анэм ищ1эу илъэгъуахэр

Гуащэ ц1ык1ухэм бгъэделъхьэж.

Ар еджэнк1и къимык1уэту

Тхылъхэм ф1эф1ыуи бгъэдэсщ.

Сурэт тхыными дехьэхыр

Къафэн т1эк1ури ф1эф1ыпсщ.

Нэхъ ин хъурэ щ1емыгъуэжым

Сабий дыщэщ си Фаинэ.

 

 

Си гъащ1э

 

Жэщыр хъуамэ жейм сезэгъкъым

Алыхьталэр си псалъэгъущ,

Ныкъсэныгъэу сэ злэжьамк1э

Си щхьэм сэ сыщ1оупщ1эж.

Сэ п1эщхьагък1э насыпыншэу

Гъащ1эм сыхалъхуат.

Си сабийр согъэжеижри

Нэпсыр щ1ызогъэж.

1эф1ынагъым сыщ1эхъуэпсу

Махуэм махуэ къелъху

Дуней дахэм гу щысхуэну

Зи схузэф1эмык1.

Мы сэ сигум щыщ1э псори

Хэт къыгуры1уэн?

Нэжэгужэу махуэр хъуамэ

Ц1ыхум сэ сахэтщ.

Си гухэлъхэр къезмыгъащ1эу

Гупсысэшхуэми сыхэтщ.

Гъащ1э т1ыуащ1эр стехьэлъащи

Щхьэ уз 1ейри къыхэсхащ

А си узым и хъущхъуэгъуэр

Алыхьталэм сыдищэхущ.

Сыц1ыхубзу сымыщ1эжу

Псэемыблэу сылэжьащ.

Си 1уэху мыхъуу сыхуэныкъуэу

Зым и ф1эщи сымыхъуа

Се1эу, секъуу, сезэшауэ

Гугъу ехьэныр сужэгъуащ

Си фэм дэк1ыр сэ сощ1эжри

Алыхьталэм сыфхуолъэ1у:

Ц1ыхубз псори нэсыпыф1эу

Щхьэгъусэф1 тхьэм къывипэс!

Си сабийм сэ къэзгъэщ1ари

Пщ1ыхьу тхьэм уимыгъэлъагъу

Сэ нэсыпыу симы1ари

Тхьэм уи пащхьэ кърилъхьэж.

 

 

Гум и лъэ1у.

 

Сэ сыщалъхуауэ щ1ып1э щ1эращ1эу

Щ1ыналъэ дахэу си Къэбэрдей.

Щ1алэ къуданхэр къыщалъхуу

Л1ыхъужь къежьап1эу щытам

Сыт къыщыхъуа, дау зихъуэжа?

Бзылъхугъэ ек1ухэр лъхуэ-п1эуэ

Щхьэгъусэ пэжхэм япэплъэу

Жьэгу пащхьэм ису щытащ.

Сыту зэманым зихъуэжрэ!

Щауэ л1ыхъужьхэм я 1унк1эр

Бзылъхугъэм къа1эщ1эфхащ.

Ц1ыхухъу къалэнхэр фэ влэжьу

Зарыбзылъхугъэр гум имыщ1эжу

Къалэнк1э тхьэ фыхъуэжа?

Адыгэ псоми сыныволъэ1у –

Щхьэж и къэлэныр къэфщтэжи

Лъэпкъым и напэр ефтыж.

Ди лъэпкъым псори къехъуапсэу

Дэ ди намысыр дывгъэ1ыгъыж.

Сабий къуданхэр куэду къытщ1эхъуэу,

Мы ди щ1ыналъэр дгъэбжьыф1эу

Адыгэ хабзэр дывгъэ1ыгъыж.

Ди Къэбэрдейри еф1ак1уэу,

Зэманым дахэу, деф1эк1ыу

Мы дунеишхуэм дытевгъэтыж.

 

 

Гуныкъуэгъуэ.

 

Пщыхьэщхьэр хъуамэ гум зишхыхьыжу

Гумрэ псэмрэ ныкъуакъуэу,

Щхьэгъубжэм сыбгъэдэмык1ыу

Мы дуней дахэр къыстехьэлъауэ

Машинэ блэжхэм сахэплъэу

Гунэдж симы1эу сэ сыкъэнащ.

Сыт щхьэусыгъуэр уэ жып1эм

Жызо1э ар лъагъуныгъэр аращ.

Адыгэ щ1алэу дахащэм

Ф1ы лъагъуныгъэ хуэсщ1ащ

1эубыдып1эншэуи сыдихьэхащ.

Ауэ ар щауэм имыщ1э

Пщащэм и гум щыщыщ1эр

Жэщым и нэпсхэр щ1игъэк1ыу

И пщ1ыхьми зэи хэмык1ыу

Бэлыхьым сэ сыхэхуау.

Унагъуэ зи1эм сехъуапсэу

Си гъащ1эр сэ изохьэк1.

Ауэ а си гум сэ щыщ1эр

Зыми имыщ1э, ар гухэлъ щэхущ.

Апхуэдэ гъащ1эм купщ1э имы1э

Фхуэмыфэщэным фэ зыпывмыщ1э

Фигумрэ фипсэмрэ зэакъылэгъуу

Мы дунеишхуэр къывдэщ1эращ1эу

Гъащ1эм феф1эк1ыу, фыгушхуэу

Мы гъащ1э к1эщ1ым фэ фыдек1уэк1.

Си сабий закъуэр мыхъуамэ

К1ыф1ыу си гъащ1эр блэк1ынт.

Си хъыджэбз ц1ык1ум и нэхэр лыду

Бгъафэм щ1эмылъу нэгум щ1эмыхьэ.

Нэщхъей сыхъуауэ гу зэрылъитэу

Гунэдж къызиту къызобзэрабзэ

Схузэф1эмык1ыу сыпэмылъэщу

Си гъащ1эм 1эф1ыр къыхелъхьэ.

Гукъеуэ псори сщыгъупщэжауэ

1эф1ынагъ куэди си гум щыщ1ауэ

Гъатхэ щ1эращ1эу дунейр къогъагъэ.

 

 

Гупсысэгъуэ

 

Сэ куэдрэ согупсысыр

Гъащ1эм и купщ1эр сыт?

Ау жэуапыншэу сыкъонэ

Ари зи1ысыр сыт?

Си гур нызэбгырожри

Зэдауэу къызэхуосыж:

- зыми ц1ыхугъэрауу же1э

- зыми ди щ1эблэрщ жи

- зыми 1эф1агъэрщ, гуапагъэрщ

- зыми нэгъуэщ1хэу къелъытэ.

Ауэ сф1ыток1уэр сэ - щ1эблэр

Уригушхуэну, урипагэну

Гъащ1эм тэмэму бгъэсам!

Купщ1эшхуэ хэлъщи уи гъащ1эм

Пщ1эншэу умыпсэуа.

 

 

Гухэлъ щэху.

 

Илъэс щэщ1ми ф1эзгъэк1ауэ,

Гъащ1э ек1уи къэзгъэщ1ауэ

Лъагъуныгъэм сипсыхьащ.

Щауэ дахэ ф1ыу слъэгъуауэ

Си гур маф1эм къресык1.

Сэ а маф1эм сисыжынк1э

Зэи шынагъуэ симы1а.

Гъащ1э гугъуми сэ сеф1эк1ыу,

Щауэ дахэр зэрыслъагъуу

Гугъэм гъащ1э къызетыж.

Нэ къуэлэным сыщ1эплъамэ

Дунейм дахэу зэредзэк1.

Сэ а щауэр зырыслъагъуу

Гур къилъэту, псэр бзэрабзэу,

Сы1уплъэным сыхуэпабгъэу

Сэ си гъащ1эр изохьэк1.

Лъагъуныгъэр сыту гуащ1э.

Гъащ1эр ф1ык1э зэредзэк1.

Сэ си щауэм гухэлъ къабзэ

Мыужьыхыжу хуэзухуащ.

Насыпыф1э сэ ар сщ1ыну

Мурад быди сигу ислъхьащ.

Мы дунейр гъатхэ щ1эращ1эу

Щауэ дахэм бгъэдэслъхьащ.

Сэ си щауэм сепц1ыжынкъым

Насыпыф1эу, акъылыф1эу

Сэ си гъащ1эр дэзухуэнщ.

И щауэгъухэм я хъуэпсап1эу

Гъащ1э ек1уи десхьэк1ынщ.

 

 

Жэуап.

 

Сэ уэ ф1ыу узмылъэхъужу

Уи жьэм дауэ къек1уэфа

Сэ сыхьэтыр илъэс сщыхъуу

Мы зэманыр изохьэк1

Лъагъуныгъэр нэхъ куу хъууэ

Махуэ къэск1э гуащ1э хъууэ

Жэщи махуи си гум илъщ.

Зэи апхуэдэу къызжомы1э

Псалъэ быдэ сэ узот

Лъагъуныгъэм сепц1ыжынкъым

Быдэу ар уи ф1эщ уэ щ1ы.

Гунэджыншэу уэ услъагъури

Си жагъуащэ сэ ар хъуащ

Уэ уи узыр пщхьэщысхыну

Жэщым тхьэ сыпхуелъэ1уащ,

Нэху апхуэдэу дыкъек1ащ.

Махуэ псом сысымэджащ

Си тхьэлъэ1ур къысхуищ1ауэ

Ухъужауэ нэгу щ1ыхьащ.

Сэ уэ быдэу сынолъэ1у

Сэрк1э шэч уэ зэи умыщ1

Сэ ц1ыху пэжу сыббгъэдэтщ

Уэрк1э сэ си лъагъуныгъэр

Сыл1эхунк1э мыужьыхын.

Си гум илъыр уи ф1эщ хъунк1э

Узыхуейри сэ пхуэсщ1энщ.

Сэ си деж гуэныхь къумыхьу

Гухэлъ къабзэр уи ф1эщ щ1ы

Зы ц1ыхухъуи дунеишхуэм

Щыслъэгъуну сыхуэмей

Уэ ппэсщ1ыни пхуэзгъэдэни

Тралъхуакъым мы дунейм.

 

 

Заринэ.

 

П1ырып1 ц1ык1уу ягъэпщауэ

Мастэ хэуэм пщэхын пф1эщ1ыу

Щхьэбэринэу нэф1ыц1абзэу

Сабий 1эф1щ Заринэ ц1ык1у.

 

Ар щыпсалъэк1э уеда1уэм

Ибогъэщхь псы ц1ык1у ежэхым

Нэк1ущхьит1ыр пшэплъым хуэдэщ

Удз гъагъащ 1упэ баринэр.

 

Ин ухъуа нэужь Заринэ

Уеджэжынщ мы усэ ц1ык1ум

Ф1ыу утлъагъуу зэрыщытыр

Къигъэк1ыжу уи гу ц1ык1ум.

 

Сабиигъуэ 1эф1 уи1амк1э

Къытомыхьэ шэч Заринэ

Ар мыпэжу щытыгъамэ

Пхуэзусынт мы усэ ц1ык1ур!?.

 

 

Лъагъуныгъэм и къэрур

 

Лъагъуныгъэр гум къихьащи

Тенджызышхуэу къэукъубеящ

Гухэлъ щэхуми сипсыхьащи

Кхъуэфэжьейуэ си гур кърехуэк1.

Ауэ а толъкъуным ситхьэлэнк1э

Шынагъуэшхуи зэй збгъэдэмылъа.

Мыл1эжыну зыри къигъэщ1акъым

Ажал дахэр лъагъуныгъэращ.

Лъагъуныгъэм и 1эф1агъ зымыщ1эр

Л1а пэлъытэу мы дунейм тетащ.

 

 

Лъэ1у.

 

Губамп1эгъуэм къыхэк1ауэ

Къалымыпэр сэ къэсщтащ.

Ныкъусэныгъэу гъащ1эм хэтыр

Си гум техьэлъащ.

Пэжыныгъэ щымы1эжу,

Зэман гугъур пц1ы телъхьэп1эу

Ц1ыхухэр зэ1ыхьащ.

Къэрэхьэлъкъым зыкъэфщ1эжи

Гъуджэм зэ фиплъэж.

1ейрэ ф1ыуэ фэ влэжьахэр

Зэпэвгъэшэчэж.

Шэч къытесхьэкъым тек1уэныр

1ейр зэрыарар.

Фи гум зэ фечэнджэщыжи

Ф1ык1э зэвхъуэк1ыж.

Мы дунейм хуэмышэчыжу

Дэ къытпэуващ.

Ц1ыхур ц1ыхум иук1ыжу

Мылъкум дишэхащ.

Ирикъуауэ мылъкук1э зыри

Сэ сымылъэгъуа.

Ахэр псори зэпэфлъыти

Фи гур щабэ фщ1ыж

1эф1ыныгъэр 1ейм тевгъак1уи,

1ейр тевгъэк1уэтыж.

 

 

Мэужьыхыр лъагъуныгъэр.

 

Сэ мы гъащ1эм сигурыф1ыгъуэу

Лъагъуныгъэшхуэ щауэм хуэсщ1ат.

Маф1э лыгъейуэ къызэщ1элындэри

Гъащ1эр нэжэгужэ сщыхъуат.

Гугъехьу гъащ1эм згъэвари

А лъагъуныгъуэм сщигъэгъупщат.

Ауэ насыпыр уэ пхуимыухамэ

Зыри абык1э уэ пхуэмыщ1эн.

Пщыхьэщхьэр хъуамэ сэ си гум

Шэч къытрихьэрт –

Мэужьыхыжыр ди лъагъуныгъэр

1эмали зи хуэзмыгъуэт.

Зи къысхуэмыщ1э и щхьэусыгъуэр,

Насыпыншагъэр сэ схухахат?

Гъащ1эм ц1ыху семыкъуэншэк1ыу

Алыхьым къыздещ1э, сыкъэпсэуащ.

Ф1ыу зэрылъагъум зи зэран ек1ым

Солъа1уэр – тхьэм къыхуимыгъэгъу.

Мы сэ си гъащ1эм нур къыщыблати

Ц1ыху 1ейхэм ягъэунк1ыф1ащ.

Лъагъуныгъэшхуэу ди якум дэлъари

Пщ1ыхьэп1эм хуэдэу тф1эк1уэдыжащ.

 

 

Пэжыныгъэ.

 

Си гур бамп1эм зэгуеудыр

Увы1эншэу ар къэнащ.

Темыпы1эу къилъэтыну

Ар къызэщ1энащ.

Сэ си гъащ1эм зым пэзмыщ1ыу

Ф1ыуэ слъэгъуа щ1алэр

Нэху щыхунк1э си гъунэгъум

Бгъэдэсын хузэф1эк1ащ.

Ар гурыжэ сэ сщыхъуауэ

Си зы узыр т1у схуэхъуащ.

Ар щхьэрыжэ сэ схуэхъуауэ

Псэ тыншып1эр сф1эк1уэдащ.

Хамэ щ1алэм сыбгъэдэсу

Жэщыр сэ схуэмыгъэк1уэнт

Ар си напэм къимыт1эсу

Щ1алэр сэ сут1ыпщыжынт.

Пэжыныгъэр щымы1эжк1э

Быдэу ар си ф1эщ сэ хъуащ

Ф1ыуэ слъагъуу си гъунэгъур

Си гум къещхьэк1уащ.

Пэжыныгъэр лъагъуныгъэм

1эмалыншэу йоныкъуэкъу.

Сэри гуауэр схузэф1эк1ым

Езгъэхынк1э соныкъуэкъу.

 

 

Адыгей лъахэ.

 

ЩIыналъэ дахэу, Адыгей лъахэ!

Адыгэ псоми ди уардэщ.

ЕхъулIэныгъэхэр уи гъуазэу,

ЩIэблэ гъэсахэр къыпщIохъуэ.

 

Уи псы ежэххэр блэ лантIэу

Мэз щхъуантIэ дахэм къыщоIущащэ.

И куэдщи псы къелъэр Руфабго

Ар дунейпсом щыцIэрыIуэщ.

 

ЦIыхухэр гъэсахэщ, гу щабэщ,

Хабзэр яIыгъыу, намыс яхэлъщ.

Гум зигъэпсэхуу хуиту щобауэ -

Жэнэт щIыналъэщ, Адыгей хэку!

 

Уи лъэр щIигъэкIыу “Нальмэсыр” къофэ,

Егъэбзэрабзэ пшынэр Тлебзум,

Кърешыр Дзыбэм уэрэдхэр

УзыIэпашэу гур ягъэзу.

 

Къалэ нэхъыщхьэу Мейкъуапэ

Удз гъэгъа дахэхэр щыалэрэбгъущ,

ЕкIуу уэрэдыр къраш и фонтанхэм

Къофэр макъамэм дежьуу.

 

ШIыналъэ дахэу, Адыгей лъахэ!

Адыгэ псоми ди уардэщ.

ЕхъулIэныгъэхэр уи гъуазэу

ЩIэблэ гъэсахэр къыпщIохъуэ.

 

 

 

 

Адэжь щIыналъэ

 

Тетщ дунеишхуэм адыгэ лъэпкъ

БжыгъэкIэ мащIэми, лIыгъэ яхэлъщ

Iущхэщ, бэшэчхэщ, пщIэшхуи зэрахьэ

Лэжьыгъэ хъуами псэемыблэжхэщ.

 

Хабзэр, намысыр ныбжьу ягъусэщ,

ШыгъупIастэ IэнэкIи зы къатемыкIуэ,

ХьэщIэ яфIэфIщи, ину яIэт

Джэгухэр хуагъахъэ, шыгъажэ хуащI.

 

КIыхьлIыхь хъуа зауэм зэбгыридзауэ

Щопсэухэр ахэр хамэ къэралхэм -

Тыркум, Иорданым, Мысырым…

Хъуауэ тепхъа дунеишхуэм.

 

Ау, щынэхъыбэщ адыгэ лъэпкъыр,

Адэжь щIыналъэу, жэнэт хэщIапIэу,

Кавказ къурш лъапэм зыщиубгъуауэ

Къэбэрдей лъахэм.

 

ЖьэкIэху тхьэмадэу щытщ Iуэщхьэмахуи

Адыгэ псори, дэни щыпсэури

И псэр хуэкъабзэу и гур хуэщабэу

Ирегъэблагъэр адэжь жьэгупэжьым:

 

-“Фэ къэвгъэзэжи лъабжьэр вгъэбыдэ,

ФхузэIуахахэщ я бжэр фи къуэшхэм,

Хэхэсхэу куэди къэвгъэщIар гъащIэм,

Фыкъеблэгъэжхэ, адэжь щIыналъэм!”

 

 

 

Къеблагъэ, бжьыхьэ!

 

Си Нальчик къалэ хуэмурэ къоушыр

Ленин уэрамым сэ сытетщ

Уэрамхэр захуэщ, жыгхэр дахэщ,

Къыдоплъэр къалэм Кавказ къурш.

 

Уафэгур къабзэщ, нэжэгужэщ,

НэщхъыфIэу дыгъэри къыкъуокI.

И нурхэр месыр тепыIэншэу

Жыгыщхьэм ислъэмей щоджэгу.

 

ПщIащэ къуэлэнхэр къытехьащи,

1ущащэу уджыр ирашэкI.

Алэрыбгъу дахэу зэуфэбгъуащи,

Бжьыхьэм джэгушхуэр иращIэкI.

 

Месыр гъэмахуэр къэтэджауэ

Ирегъэблагъэ жьантIэм ар,

Бжьыхьэри пащIэм щIэгуфIыкIыу

Унафэ щIыныр зэIэпаххэр.

 

 

ЩIымахуэм.

 

Дыгъэ цIыкIур къыкъуэкIащ

Нэжэгужэу къытхэпсащ

Уэсыр хуэфIщи толыдыкI

Имыгъаплъэу нэр

 

Дунейр къабзэщ апхуэдизкIи

Къыпщохъу къуршхэм уабгъэдэт

Ахэр дахэщ пхуэмыIуатэу

Iэ дэслъарэт жыпIэу уохъу

 

Псы Iэрышэр тещтыкIауэ

КъоIущащэу мылым щIож

Фащэ хужьыр щатIэгъауэ

Жыгхэр къоуджэкI

 

Месыр уэсым щIидзэжащи

ЗэщIэпщIыпщIэу къолъэлъэх

Зэрызехьэу зэхьэзохуэр

Езэшауи йотIысэх.

 

Щ1ымахуэ уае

 

1упсыр бдзамэ щ1ым нэмысу

Дунейр защ1эщтхьащ.

Лъакъуэр щ1ым тримыубыдэу

Гъуджэ мылу тещтык1ащ.

 

Мэлыд уэсри нэр пхуэмыплъэ,

Нэпс къыщ1ожри занщ1эу мэщт.

Нэк1ущхьит1ыр тресык1ыр,

1эпэ-лъапэри пощтык1

 

Пхуэмы1уатэу дунейр щ1ы1эщ

Уи 1эпкълъэпкъыр егъэтхытх.

Дыгъэр къепсыми пэлъэщкъым

Бжьыпэр щ1ы1эм ф1иубыдащ

 

Сытхъум жыгхэр егъэгызыр

Мес, къудамэр гуищ1ык1ащ.

1умыл иныр къехьэлъэк1ри

Бжьыхьэ к1апэри гуитхъащ

 

Псы ежэхри тещтык1ауэ

Хэт1эхэсэ ц1ык1ухэм щащ1

Чыныр вууэ траут1ыпщхьауэ

Зэхьэзехуэу ирахуэк1.

 

К1эщ1у жып1эм, бжэндэхъу уаещ

Ар щ1ымахуэм и сэламщ

Иухащи и зэманыр

Хуэнэщхъей сэлам ехыж.

 


Сконвертировано и опубликовано на http://SamoLit.com/